Бабыгу Эргун, Нальчик
АДЭ ХЭКУМ СЫНЭМЫСМЭ
Бабыгу Эргун и творчествэм теухуауэ
«Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», – къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Зауэм къикIыж хуэдэу ешауэ.
Илъэсищэрэ плIыщIрэ и ныбжьу,
ГъащIэм иригъэзэшауэ.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
И псалъэм хамэбзэ къыхэхуэу.
ЖиIэр къыбгурымыIуэж хъуарэ,
Хуэсакъ пэтми, къыжьэдэхуу.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Мыпхуэдиз илъэс нэужьым.
Мис и унэ къекIуэлIэжащ,
Тетурэ адэжь лъэужьым…
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Фи зэхуакум зэман кIыхь докI.
Ар уэ щIагъуэу къыпфIэмыIуэхуми,
А къэкIуэжар гъуэгу жыжьэ къокI.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Убыд и Iэпэри зэшэлIэж.
Зебгъапщэмэ адрей лъэпкъхэм,
Узыхуэныкъуэр уэри уощIэж.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ.
Лъэпкъхэм дахэкIуэдэжынущ,
Дызыхыхьэжу дызэкъуэмытмэ.
(Бабыгу Эргун,
Налшык, Мазае, 2007)
Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yildiz – вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.
УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху – адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —
уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым – абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы
Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.
Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.
Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.
Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр – псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» – мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ – езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ – усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.
АдэкIэ – зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр – мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат – дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр – ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуа