Дуней хьэху. Усэбэ
Брат Мурат
Сборник стихов поэта Брат Мурата «Бренный мир» на черкесском языке. Мурат из поколения новой волны поэтов, привнесших в черкесскую поэзию новые веяния, гармонично вплетая их в старые традиции.
Дуней хьэху
Усэбэ
Брат Мурат
Редактор Владимир Абитов
© Брат Мурат, 2018
ISBN 978-5-4490-5655-9
Создано в интеллектуальной издательской системе Ridero
Дунейм и гъунэр
Дунейм и гъунэр псэк1э къэплъыхъуамэ
Сыт щыгъуи уи псэр ик1эм богъуэтыж.
Хэкуншэ уи щхьэр ауэ хъуамэ,
Темыт дунейм уэр щхьэк1э гупсэхуж.
Хотаджэ лъым пщэдджыжьк1э дыгъэ хамэр,
Лъы пц1ам ар хэлъу мы дунейм йохыж.
Псэхугъуэ тынш уи тхыц1эм къилъыхъуами,
Насыпу ябжыр жьауэ пхуэмыхъуж.
Мыхъуж узыншэ гъейшея уи Тхьэшхуэр,
Тхьэмпэ къек1урэххэм дыщэ щ1эмылъыж.
Жьынду псэхэххэр жэщк1э мэдыхьэшхыр,
Вагъуэ къэлыбхэм 1эф1 ящ1эмылъыж.
1эзэгъуэ-хущхьуэу ек1уу уэ уи бамп1эм
Дуней 1эф1ыгъуэм зы къыхэпхыжынт —
Уи къупшхьэ хужьхэр Хэкум и щ1ы ф1ыц1эм
Иплъхьэжмэ, тыншу уи псэр псэхужынт.
Бжьыхьэ
Мы си псэм бжьыхьэр пкъыуэ щ1эуващи,
Жэбза дунейм тэмакъыр ф1екъузык1.
Мо псым щ1элъ мывэр си нэм къыщ1эплъащи,
Къысф1ощ1 а мывэм сэ сызэхищ1ык1.
Гъэпщк1уп1э симы1эжу, уэхым ситщи,
Гурыгъур бгъафэм уэру къыдолъей.
Псэ зэхэщ1ык1ым тегъэщ1эн сищ1ащи,
Сэ гуры1уэгъуэр тк1ийуэ къызолей.
Нэ1уагъ игуэшу бжьыхьэр къек1урэхащи,
Дэсхын гу бамп1эр сэ схузэф1эмык1.
Щхьэзэкъуэныгъэр си псэм пкъырыхьащи —
Мо псым хэлъ мывэ псори къыщ1оплъык1.
Щхьэж и мывэжьыр псыхъуэм къыдоджык1ри,
Псым и уэрэду макъхэр зэхохьэж.
Щхьэзакъуэныгъэу щы1эр зы мэхъужри,
Тхьэзакъуэныгъэу уэгум ар йохьэж.
Адыгэ дунейр
Адыгэ дунейр мэкъутэжри
Уафэшхуэм зы хъуэск1 къыхэмыж.
Анэбзэр лъы пц1ауэ 1ум щожри
Ди лъэ1ухэр Тхьэм деж нэмысыж.
Къуаргъ-вындхэм гукъеуэ ягуэшри,
Щхьэж лъысу ибагъэ ятыж.
Къагъа1уэ дунейр, тхьэ тра1уэжри —
Фи Тхьэшхуэр дунейм темытыж.
Псэр Тхьэшхуэм и тхыпхъэу къыт1утщи,
Си ныбжьым сещ1ыж сэ 1энк1ун.
Дыпсоууэ уэгу лъащ1эм дыщ1этщи,
Дамашхьэр хузощ1 щ1эгъэкъуэн.
Дамащхьэр хуэдгъэщ1 щ1эгъэкъуэн!
Ныжэбэ
Ныжэбэ сепщ1ыхьащ зауэжьыр щымы1ауэ,
Лъыиф биижьхэр къыттемыбэнауэ,
Маф1эсым ди къуажэжьхэр имысауэ,
Л1ы бланэ хахуэхэр а зауэм имыхьауэ,
А зауэм хэк1уэдауэ хуар къелауэ,
Си лъэпкъым хуэкур ирамыгъэбгынауэ,
Адыгэ щ1ылъэр зэбгырамылъэфауэ,
Адыгэ уафэри мамыру къэнэжауэ,
Сабийхэр псэууэ тхъэжу къэтэджауэ,
Сабийхэм бын езым къащ1эхъуэжауэ,
Хьэзабу хъуар си лъэпкъым щхьэщык1ауэ,
Адыгэ хабзэм псори дыпыщ1ауэ,
Адыгэ хэкур ек1уу щ1эрэщ1ауэ…
Сыкъызэщыури нэпсхэр слъэщ1ыжащ.
Псэ 1эмалыншэ
Псэ 1эмалыншэм, нэф гупзешэу,
Ныбжь бзагуэ гъэрхэр къырешэк1,
Щ1ым къупщхьэ щ1элъхэр бзэ щ1эиншэу
Псынэпс уэгу щ1эплъхэм зрашэк1…
Мы дунеижьым хьэрыгъажэу
Зэман жаншархъыр къырехуэк1,
Дыгъэ ешар гъуэгурык1уэм ежьэу
Къухьэп1эм нэсмэ къызоплъэк1…
Псы къемыхахэм хуоплэр гугъэр,
Гъунапкъэм къуэлъым зеузэщ1,
Пщэдейр и плъап1эу къохьэр дыгъэр,
Дунейм и гъащ1эм махуэр хуощ1…
Тхьэм жи1эм, псэуэ нэху дыкъик1мэ,
Аргуэру дыгъэр къытпежьэнщ.
Псэ 1эмалыншэр п1эщ1эмык1мэ,
Аргуэру гъуэгум утришэнщ…
Гъуэгухэр
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,
Хьэзаб урамхэм к1уэц1рык1ыурэ.
Псэм и хъуахуэ гук1эр
Я тхыц1э гъурхэм ярылъурэ,
Жэщи махуи ямы1эу,
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,
Щ1ылъэ занщ1эр ягъэхъурейурэ.
Нэпс ежэххэм
Гу пц1анэ лъэмыж тралъхьэурэ,
Мыпсэхужхэу,
Гъуэгухэр хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьыр мэк1уэж.
Хэку гуф1ак1эм догъуалъхьэри гъуэгухэр,
Гъуэгуу хъуар зэхохьэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.
Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэжри
Гъуэгурык1уэхэри йок1уэл1эж.
Адыгэ нып
Адыгэ ныпыр – адыгэ напэщ,
Тхьэри ди пашэщ, ди япэ итщ.
Адыгэ хэкур махуэм и хап1эщ,
Пэжым и ныбжьым адыгэр щ1этщ!
Ныпыр мэхуарзэ, псэр дохуэразэ,
Щхьэхуитыныгъэм гур иуэрсэрщ —
Ваг